ADİGECE KİTAPLAR 3

29.161
ISBN 978-3-939887-79-9
«Что ты думаешь о Воскресшем?» на кабардинском языке.
Издательство «Свет на Востоке», Корнталь, Германия, 2011.
“What do you think about the One who rose from the Dead?” in the Kabardian language. Light in the East, Korntal, Germany, 2011.
ЛІахэм къахэтэджыкӀыжам Дауэ уеплърэ?
Махэм къахэтэджыкӀыжа Мэссихь дауэ уеплърэ? Мы упщӀэм ептыну жэуапым псо- ри епхащ: мы дунейм насыпу щыбгъуэ- тынури, адрэ дунейм къыщохъулӀэнури. Хьисэ куэд мыщӀэу мы дунейм къэкӀуэ- жынущ, ар къыщыкӀуэжкӀэ, дин егъэд- жакӀуэхэм зэреупщӀыгъам хуэдэу, уэри къоупщӀынущ: «Дауэ сыкъыпщыхъурэ уэ?»
Сэ сычыристанщ. Ныбжьэгъу сыпхуэ- хъуну сыхуейщ сэ. Хьисэ зыщыщыр пщӀэ- мэ, пфӀэигъуэщ уэ. А Ӏуэхушхуэмкіэ зыми зыкъомыгъэгъапціэ. ЦӀыхубэм Хьисэ бе- гъымбарущ е цӀыхуф дыдэущ зэралъытэр, ауэ ар бегъымбарми цӀыхуфӀми нэхърэ нэхъ инщ. Абы хуэбгъэдэн зы цӀыхуи щыӀэкъым, щыӀакъым икӀи мы дунейми адрэ дунейми щыщыӀэнукъым.
Хьисэ и къэхъукӀэм дауэ уеплърэ?
Хьисэ къызэрыхъуам хуэдэу зы цӀыхуи къэхъуакъым. Ар Мэрием и къуэщ. Исмэ- хьил Ибрэхьим и къуэкӀэ, Иуан (Ехьяр арщ) Зэчрей и къуэкӀэ йоджэ. Нэгъуэщ Мыхэм я адэхэм я цӀэкэ йоджэ, Хьисэ и анэм и цӀэкӀэ сыт щӀеджэр? Хьисэ адэ мы дунейм зэрыщимыӀэр арщ абы и анэм и цӀэкіэ щӀеджэр. Хьисэ къызыхуэхъуар Мэрием пщащэр арщ. ЦӀыхухъу гуэрми и Іуэху хэмылъу, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэрием лъэщыджэ хъури, щӀалэ къилъ- хуащ. Ар Хьисэщ.
Хьисэ къалъхъуным илъэс щибл иӀэу, Ешайэ бегъымбарым ар къызэралъхунур жиӀауэ щытащ (Ешайэ бегъымбарым и тхылъ 7:14). Ешайэ бегъымбарым зэрыжи- Іам хуэдэу хъуащ. Хьисэ къызэрыхъуам и хъыбар Маттэ и тхылъым итщ 1:18-25.
Ди адэ Іэдэм щӀым къыхигъэхъукӀащ Тхьэм, дэри бегъымбархэри Іэдэм дри- бынщ. Дэ мы дунейм дыщыщщ, Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехри, мы дунейм къыте- хьащ. Ар уэсым хуэдэу къабзэт. Адрей цӀыхухэр псори къабзэтэкъым, гуэныхь- щӀакӀуэт. Инджылым зэритымкӀэ, Хьисэ Мы дунейм къыщӀэкӀуар гуэныхьщӀакӀуэ- хэр имыгъэкӀуэду къригъэлын папщӀэщ (1 Тим. 1:15). Езыр хамэм хуэдэу
ьэхъуащ.
Мы дунейм къэкӀуэн и пэкӀэ ар Тхьэм деж щы ащ. Ар мы дунейм къыщӀэкӀуар ды- мыкӀуэду дыкъригъэлын щхьэкӀэщ. ЦӀы- ху Іэпкълъэпкъ иӀэ хъури, цӀыхуу къыте- хьащ ди щӀыгум.
Махуэ гуэрым литӀу зы мащэ зэдихуащ. Зым адрейм жриӀащ:

  • Мы мащэм сихыж!
  • Уа тхьэмыщкӀэ, жиӀащ адрейм, – уэ узэрыхуам сэри сихуащ.
    ТӀури мащэ куум зэдихуати, зыр адрейм дэӀэпыкъуфынутэкъым. МитӀум макъ зэ- хахащ абдежым, ипщэкӀэ къиӀукӀыу: «Мы кӀапсэшхуэр фубыд». Мащэм имыхуа лӀым ахэр къригъэлын хузэфӀэкӀащ. Апхуэдэу Тхьэм мелы ычхэр къигъэкӀуащ, Хьисэ къызэрыхъуамкӀэ цӀыхухэм хъыбар яри- гъэщӀэн щхьэкӀэ. Ар гъэщӀэгъуэнкъэ! Ар дахащэкъэ!
    Хьисэ къызэрыхъуам хуэдэу цӀыху гуэ- ри къэхъуакъым.
    Хьисэ и щэным дауэ уеплърэ?
    Хьисэ щыпкъагъэкӀэ щыщӀагъэ гуэри зимыӀэ цӀыхущ. Гуэныхь зыпылъ илэ- жьакъым зэи. ИгъащӀэми щыуакъым. «Къысхуэгъэгъу» щӀыжиӀэн щхьэусыгъуи ИӀакъым. Тхьэм щышынэ дэтхэнэми и гуэныхьыр Абы и пащхьэ ирилъхьэу, «къысхуэгъэгъу» жиӀэурэ елъэӀун хуейщ. Даути Ибрэхьими апхуэдэущ зэращӀар. Пэжым ухуеймэ, и гуэныхьыр махуэ къэс щэныкъуэрэ Тхьэм и пащхьэ ирилъхьэурэ, «къысхуэгъэгъу» жиӀэурэ Абы зэрельэӀуар къиӀуэтэжащ бегъымбар гуэрым. Хьисэ «къысхуэгъэгъу» жиӀауэ Библиеми нэ- гъуэщі тхылъ лъапӀэ гуэрми иткъым. Абы щӀыхуэбгъэгъун гуэныхь иӀакъым. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Абы ехьэлӀауэ ятхащ: «Езым зы гуэныхьи илэжьакъым, узы- гъэпціэн псалъи и жьэ къыжьэдэкӀакъым». Апхуэдэу жызыІар Хьисэщ илъэсищкӀэ и гъусауэ, Ар зыхуэдэр фӀыуэ зыщӀэхэр арщ. Бегъымбархэм я гуэныхьхэр Тхьэм и пащхьэ щралъхьэкӀэ Абы ахэр къахуе- гъэгъу, ауэ Хьисэ гуэныхь зэримылэжьам щхьэкӀэ, абы хуэныкъуакъым Хьисэ. Сыт хуэдэ гуэныхьи телъакъым Абы. И бийхэм мыпхуэдэу яжриӀащ Хьисэ: «Сэ гуэныхь злэжьауэ фэ фщыщ гуэр сыкъигъэкъуэн- шэн лъэкӀыну?» Хьисэ гуэныхь илэжьауэ жызы эфын къахэкӀакъым абыхэм. Дэ тщыщ гуэрым лъэкӀыну и бийхэм апхуэ- дэу яжри эфыну?
    Хьисэ пцы тралъхьэри, Пилат и пащ- хьэм иращащ, ауэ Пилат Абы мыхъун гуэ- ри дилъэгъуакъым. Пилат цӀыхухэм къаж- риӀащ: «Мы лӀыр хейщ, мыбы илъ згъэжэну
    къыстехуэркъым сэ». Хьисэ фӀэкі гуэныхь зымылэжьа мы ду- нейм тетакъым икӀи тетынукъым. Гуэныхь зымылэжьа бегъымбар закъуэр Хьисэщ.
    Хьисэ жиӀа псалъэхэм дауэ уеплърэ?
    Хьисэ ирагъэубыдын щхьэкӀэ, Абы и бий- хэм цӀыху ягъэкӀуащ махуэ гуэрым, ауэ ямыубыду къагъэзэжащ. «А лӀыр зэрыпса- лъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъа- къым», – жаӀащ абыхэм (Иуан 7:46). Абы жиӀа мы псалъэхэм егупсыс: «Дунейм и нэхур сэращ. Си ужь къиувэр кӀыфӀым хэту зекӀуэнукъым, шыӀэныгъэм и нэху игъуэтын фӀэкі». А псалъэхэм Хьисэ къри- гъэкӀыр Мыжь гуэрым къызгуригъэӀуащ. Мыращ абы къызжиӀар: «Бегъымбархэр мазэм хуэдэщ. Мазэм жэщыр къегъэнэху. Тхьэм и нэхунэр бегъымбархэм мы дуней кӀыфӀымрэ тхьэмыщкӀэмрэ къыхуахьащ. Бегъымбарыр мазэ ныкъуэм хуэдэщ. Из хъуху, мазэм и нэхум къыщӀегъу, итӀанэ хэщӀурэ и нэхур мэкӀуэдыжри малӀэ. Абы щхьэкӀэ умышынэ» Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы и пӀэ нэгъуэщі мазэ къиувэнущ. Бе- гъымбархэм я Іуэху зытетыр абы хуэдэщ. Ахэр къэкӀуащ, зыр адрейм и ужь иту. Зым Тхьэм и хъыбар къихьащ, ар дунейм ехыжьри, и пӀэр нэгъуэщі бегъымбарым къыхуигъэнащ. Дэтхэнэ лъэпкъми Тхьэм и нэхум щыщ лъысащ. ЦӀыхухэр зыхуэ- лажьэ диныр щэху уэздыгъэм хуэдэщ. Дыгъэр къыкъуэкӀа нэужь, нэху мащӀэм хуеижыр хэт? Зы цӀыхуи хуеижкъым абы. Хьисэ жиӀащ: «Дунейм и нэхур сэращ. Хьисэщ щыпкъагъэм и нэхур». Дыгъэм нэхъ мащӀи нэхъ цӀыкӀуи хъур- къым. Дыгъэр лӀэркъым, кӀуасэркъым, сыт щыгъуи къыщопс дунейм. Хьисэ Мэссихь дыгъэм хуэдэщ. Нэхъ цӀыкӀу хъунукъым игъащіэкіэ. Абы и фӀыгъэ иригъэкӀын хуейщ дэтхэнэ хэкуми, дэтхэнэ цӀыхуми.» «Гъуэгури, щыпкъагъэри, шыӀэныгъэри сэращ». Бегъымбархэр къэкӀуащцӀыхухэр Тхьэм деж кӀуэ гъуэгум трашэн папщӀэ. Абыхэм жаӀащ: «Мыр Тхьэм и гъуэгущ! Мыр щӀэ! Мыращ гъуэгур! Тхьэм и унафэ- хэм еда уэ. Ауэ Хьисэ жиӀащ: «Сэращ гъуэ-
    гур. Си ужь къиувэ!»
    ЩӀалэ цӀыкӀу гуэр къалэм дэтурэ гъуэ- щащ. Сабийти, зыхуейр цӀыхухэм ягури- гъэ уэфакъым щӀалэ цӀыкӀум. Я унэ зэ- рыкӀуэжыну гъуэгур къригъэлъагъужу Мы гуэрым елъэӀуащ щӀалэ цӀыкӀур. Мым къыжриӀащ: «Мы уэрамым ирикӀуи, етӀу- анэ уэрамым деж ижьырабгъумкӀэ гъазэ, итӀанэ ещанэ уэрамым деж ижьыраб- гъумкіэ дэдзыхи, лъэмыжым ик!…» Мым къыжри ар къыгуры уатэкъым, щӀалэ цӀы- кӀур къэгъащ. Мым гъуэгум щигъэгъуэ- зат щӀалэ цӀыкӀур, итӀани игъуэтакъым зрикӀуэн хуей уэрамыр. ЩӀалэ цӀыкӀум и къуажэгъу Мы гуэр кърихьэлӀащ абде- жым, абы сабийм и Іэпэр иубыдащ. ЩӀалэ цӀыкӀур щешым, ар лӀым къиӀэтри, и адэ- анэм ахуихьыжащ. Япэрей лӀым гъуэгур къригъэлъэгъуащ, етӀуанэрейр гъуэгу хуэ- хъуащ. Хьисэ жиӀащ: «Гъуэгур сэращ, Адэ лъапӀэм деж кӀуэ гъуэгур сэращ».
    Хьисэ и псалъэхэм дауэ уахэплъэрэ? Мы псалъэхэр дауэ къыбгуры уэрэ: «ЦӀыху ешаела, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынщ.» (Маттэ 11:28). Хьисэ и псалъэхэм дауэ уахэплъэрэ? Ар зэрыпсэлъам хуэдэу зы цӀыхуи игъащӀэм
    псэлъакъым.
    Хьисэ и цӀэхэмрэ зэреджэхэмрэ дауэ уеплорэ?
    Дэтхэнэ бегъымбарми езым ейуэ цӀэ иӀэщ.
    Ибрэхьим «Тхьэм и ныбжьэгъукӀэ» йоджэ. Нэгъуэщі гуэрым «Тхьэм и щӀасэкӀэ» йод- жэ. ЦӀыхум хэт нэхъыфӀу илъагъур? И ныбжьэгъура, хьэмэ езым и къуэра? Хьи- сэ адрей цӀыхухэм зэрахуэмыдэр уигъэ- щӀэн щхьэкӀэ, Тхьэр Хьисэ езым и КъуэкӀэ йоджэ. Сыт абы Тхьэм къригъэкӀыр? Дэ зэрыжытӀэмкӀэ, и адэм хуэдабзэщ и къуэр. Хьисэ жиӀащ: «Сэ сызылъэгъуам Адэ лъа- пӀэр илъэгъуащ» (Иуан 14:9). Къуэм лъэ- кӀынущ и адэм и пӀэ иувэн, и адэм и піэкіэ уэху ищӀэнуи псэлъэнуи хуитщ ар. Аращ Хьисэ мы дунейм щыщыӀэм ищӀар. Абы къыхэкікӀэ Хьисэ Тхьэм и псалъэки йоджэ. Тхьэр Хьисэ и жьэкӀэ къыдэпсэ- лъащ. Аращи, Хьисэ и цӀэхэр адрей цӀы- хуцӀэхэм яхуэдэкъым.
    Хьисэ иӀэ лъэкӀыныгъэшхуэхэм дауэ уеплърэ?
    Хьисэ хузэфӀэмыкӀын Іуэху щы экъым. Абы и Ӏэм илъщ лъэкӀыныгъэ псори те- тыгъуэшхуэ псори. Пэжым ухуеймэ, мы дунейм щытетым Тхьэм ищӀэ Іуэхухэм щыщу Хьисэ имыщӀэфа щыӀэкъым. Тхьэм нэмыщі, лӀахэр хэт къэзыгъэтэджыфы- нур? Хьисэ лӀахэр къыгъэтэджыжащ. Тхьэм нэмыщі, фаджэ уз зыпкъырытхэр хэт зыгъэхъужьыфынур? Хьисэ фаджэ уз зиӀэхэр игъэхъужащ. Тхьэм нэмыщі, хэт нэфхэм я нэхэр къэзыгъэплъэжыфынур? Хьисэ а псори хузэфӀэкӀащ. Сыт хуэдэ узри игъэхъужыфащ. Имыгъэхъужыфын уз щы акъым. Жин нэпціхэр псалъэ къу-
    дейкӀэ цӀыхухэм яхихуащ. ЦӀыхухэм ягу- хэм гуэныхьыр иригъэкъэбзыкӀыжурэ, ягухэм илъыр зэблихъуащ. Тхьэм и цӀэкэ Іуэхушхуэ щӀагъуэхэр ялэжьащ бегъым- бархэм, цӀыхухэр ягъэхъужащ Тхьэм и цӀэкӀэ, ауэ Хьисэ Тхьэм и цӀэкӀэ цӀыхухэм еӀэзэ и хабзэтэкъым, зэреӀэзэр Езым и цӀэкӀэт. Илъэс щэщӀрэ ирэ хъуауэ зи лъа- къуэр къиуӀэмыувэ лӀым жриӀащ: «Сэ бжызоӀэ: къэтэдж, зекӀуэ». Мыр абдежым къэтэджри зекӀуащ. Сымаджэхэр зэри- гъэхъуж удзхэр цӀыхухэм яритакъым Хьи- сэ. Езым и цӀэрэ и лъэкӀыныгъэкӀэ цӀы- хухэр зэригъэхъужар.
    Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэ хьэлъэ хъуат. Сымаджэ щыхъум, Хьисэ хъыбар иригъэщӀащ. Хьисэ къэкӀуэху, Лазар лӀэри щӀалъхьэжащ. Ар лӀэуэ щӀалъхьэжа нэуж махуиплі дэкӀауэщ Хьисэ щыкӀуар. Лазар зыщӀалъхьа кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэри, Хьисэ жиӀащ: «Къыщэк! иджыпсту» (Иуан 11:43). Лазаркхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. Хьисэ абдеж къыщигъэлъэгъуащ лӀахэр къигъэтэджыжын зэрыхузэфӀэкӀыр. «Ма- хэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэ- – жиӀащ Хьисэ (Иуан 11:25). Къэлэгъу- нэхэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъ зэхахынурэ, ахэр къыщытэджыжыну ма- хуэр къэсынущ. Уэри дунейм уехыжмэ, кхъэм укъикӀыжынущ Муси, Ибрэхьими, адрей бегъымбархэри аращ. Тхьэм деж къик! гъащіэр къуитын лъэкӀынущ Хьисэ. Дунейм тет псоми я псэукэр зэблихъун лъэкӀынущ Хьисэ. Хьисэ и лъэкӀыныгъэш- хуэм дауэ уеплърэ? Абы хуэбгъадэ хъун цӀыху гуэри щы экъым.
    ращ»,
    Хьисэ гугъуехьу ишэчамрэ и лӀэкӀэмрэ Дауэ уеплърэ?
    Хьисэ и ліэкӀэм дауэ уеплърэ? Уэ узыщы- ЛІэнур пщэрэ хы гъуэгура, лъэс гъуэ- гура, уи пӀэ хуабэра? Уи ліэкэ хъунури пщӀэрэ? МафӀэм уисыну, лъагапэ гуэрым укъехуэхыну, уи лӀэгъуэ хъуауэ уехыжы- ну дунейм? УзэрылыкӀыну узыр сытым уигъащіэрэ? Ущыліэну махуэр пщіэрэ? Илъэс дапщэ ухъуауэ ущылӀэнур? Сыт махуэу, сыт мазэу пщӀэрэ ущылӀэнур? УлӀа нэужь сыт къэхъунур? Уэрэ сэрэ а псор зэрыдмыщӀэр Іупщіщ. Ар зиӀэ илъыр Тхьэращ. Зиусхьэн Хьисэ зыщыліэну щӀып эрищӀэрти, Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: Ерусалимт ар. Зэрыліэну щӀы- кӀэри яжриӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм (Лука 18:31-33). ЩылІэнури яжриӀащ и гъу- сэхэм; Іутыж махуэшхуэу журтхэм къур- мэныпхъэ щынэр щаукі махуэм лэнут ар, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын
    папщіэ.
    Мэуэ махуищ дэкӀа нэужь къызэрытэд- жыжынури жиӀащ. Хьисэ зэрыжиӀауэ хъуащ. Езым ищӀэртапхуэдэу зэрыхъунур. Ар адрей цӀыхухэм яхуэдакъым. Дэ апхуэдэ Іуэхухэр тщӀэркъым. Бегъымбар- хэми ящӀэртэкъым. Дэ дыщылӀэну махуэ- ри, щыпӀэри, дызэрылӀэну щӀык эри Тхьэм иухащ. Хьисэ жиӀащ: «Сэ си псэр зыми стри- хыркъым, сэр-сэру сот ар. Ар стыни къез- гъэгъэзэжынуи слъокі сэ» (Иуан 10:18). Хьисэ зы гуэныхьи илэжьакъым. Гуэныхь лъэпкъ зэримыӀэм щхьэкӀэ лӀэныгъэм и Іэмыщэ илъакъым ар. МылӀэу, уафэм дэ- кӀуеижын лъэкӀащ абы. Адрей цӀыхухэм пӀэкӀэ лӀащ ар. И псэр дэр папщӀэ итащ. Ди гуэныхьхэр тхуипшынын папщӀэ, псэр итащ. Уэр папщӀэщ щӀэлӀар. Аращ Мэлыхъуэ Лэгъупэжьу и мэлхэм папщӀэ зи псэр зытар. Абы ищӀам хуэдэ цӀыху гуэрми игъащӀэм хузэфӀэкӀакъым.
    я
    и
    Хьисэ ліэныгъэм зэрытекӀуам дауэ уеплърэ?
    Ипо
    мурад
    три, ХьисэцӀыфхэм щӀалъхьэжащ. Хьисэ кхъэлэгъунэм щӀагъэлъын яӀащ Абы и бийхэм. Кхъэлэгъунэ щӀыхьэ- пӀэм мывэшхуэ Іуалъхьащ. Мывэм мы- хъур традзэри, кхъэлэгъунэм къэрэгъул Іуагъэуващ. Хьисэ зэрылӀам шэч къытра- хьэртэкъым, ауэ Хьисэ лӀахэм къахэтэд- жыкӀыжащ, псэууэ закъригъэлъэгъуащ и гъуэгу ирикӀуэхэм. Псэууэ закъригъэлъэ- гъуащ Петр, итӀанэ Мэрием, итӀанэ цӀыху щитхум щӀигъум. Езым зэрыжиӀауэ, ла- хэм къахэтэджыкӀыжащ. И Пуэхур Тхьэм зэридар цӀыхухэм яригъэлъагъун папщі, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Ма- хэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, Хьисэ цӀы- хухм я нэкӀэ ялъэгъуащ, абы еӀусащ, дэш- хащ-дефащ. И Іэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ телъ гъущі уӀэгъэри яригъэлъэгъуащ. Мэныгъэр биишхуэщ. Уэри улӀэн хуейщ, сэри сылӀэн хуейщ. Бегъымбархэри лӀащ, къагъэзэжакъым. Ауэ Тхьэм и фӀыщэщ, Хьисэ лӀэныгъэм текӀуащ. Ноби псэущ ар. Абы и гъуэгум тету Тхьэм деж кӀуэхэр мы- кӀуэду къигъэнэжыну лъэкӀыныгъэ иӀэщ Абы. Нэгъуэщі бегъымбар гуэр щыӀэ ла нэужь къэтэджыжауэ? ЩыӀэкъым. Хьисэ и закъуэщ лӀахэм къахэтэджыкӀыжар.
    Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуейжам дауэ уеплърэ?
    се-
    Инджылым щыщ Апостол 1:9-14 икӀи Фил. 2:6-11 еджэ. «Уафэм щыӀэ нэхъ щӀыпӀэ лъа- гэр иубыдыну хэт фызыхуейр? – жисӀэу журт гупым сеупщІмэ, псоми жаӀэнущ: «Мусэ бегъымбарырщ». Быслъымэнхэм упщімэ, езыхэм я бегъымбарым и цӀэ къраӀуэнущ. Чыристанхэм сеупщімэ, Хьи- сэ жаӀэнущ. Тхьэр журтхэми, быслъымэн- хэми, чыристанхэми еупщӀакъым. Хьисэ игъэинри, цӀэ псоми я нэхъ цӀэ лъапіэр къритащ. Ар зыщӀар Тхьэращ. Зи гум пагагъэ илъ цӀыхухэри Хьисэ и
    Тхьэм
    пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу щетӀысэхын хуейщ.
    Хьисэ мы дунейм къызэригъэзэжынум Дауэ уеплърэ? Хьисэ мы дунейм къыгъэзэжынущ. Апхуэ-
    дэу жиӀащ Езым (Иуан 14:1-3). Мелы ичхэм жаӀащ апхуэдэу (Апост. 1:11). Чыристан псори поплъэ Хьисэ къыщыкӀуэжынум. Хьисэ тетыгъуэ иӀэну къызэригъэзэжы- нур адрей динхэм итхэми ящӀэ. Езым и гъуэгум тетхэр уафэм дришейжын, абы гъусэ щыхуэхъун щхьэкӀэщ къыщӀигъэ- зэжынур. Дунейм тетыгъуэ щиӀэн щхьэ- кӀэ къэкӀуэжынущ. Ар дунейм и пащ- тыхьщ. И бий псори и лъэгу щӀигъэувэху, тетыгъуэ иӀэн хуейщ Абы. Илъэс плӀыщікіэ тетыгъуэ иӀэну къигъэзэжынущ Хьисэ жызыӀэ цӀыху гъуэщахэри щыӀэщ. къыщӀигъэзэжынур тетыгъуэр игъащІ- кӀэ иӀэн щхьэкӀэщ. Ар щыпкъэщ: куэд мыщӀэу къэкӀуэжынущ Хьисэ. ИтӀанэ хэ- ти илъагъунущ Ар пащтыхьхэм зэра-Пащ- тыхьыр, зиусхьэнхэм зэра-Зиусхьэныр. Ар къэкӀужынущ. Уэри уиувэн хуейщ Абы
    Хьисэ
    и пащхьэм. Аращ цӀыхухэм хьэкум яте- зыщӀыхьынур. Абы и пащхьэ ущихьэкӀэ къоупщӀынущ: «Уэ къызэрыпфӀэщіымкіэ, хэт сыщыщ сэ?» Сыт жепӀэнур? «Бегъым- бархэм уащыщ» жепӀэмэ, «Си унафэхэм ущіемыда уэр сыт?» жиӀэнурэ къоупщы- жынущ. Езым хуэдэ цӀыху щымыӀэрэ пэт, бегъымбархэм зэрихуэбгъэдам щхьэкӀэ уигъэкъуэншэнущ. ЦӀыхухэр мыкӀуэду къигъэнэжын зыхузэфӀэкӀынур а Закъуэ- ращ. Хэт къэкӀуэжынур тетыгъуэр иӀэну? Мусэ бегъымбарыра, Ибрэхьим барыра, Даут бегъымбарыра е нэгъуэщ! бегъымбар гуэр? Хьэуэ. Хьисэщ. Зиусхьэн Хьисэщ къэкӀуэжынур, Аращ цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьынур. Апхуэдэу зэры- хъунур Тхьэм къигъэлъэгъуащ Хьисэ лӀа- хэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ. сэ къэкӀуэжынущ. Псоми ялъагъунущ ар.
    Уэ пщіэну Хьисэ зыхуейхэм дауэ
    уеплъырэ?
    бегъым-
    Хьи-
    Хьисэ жеӀэ: «Си деж фыкъакӀуи, гузэгъэ- гъуэ фэстынщ» (Маттэ 11:28). Абы деж
    укӀуэну нобэ къоджэ ар. Япэ абы и гъуэгу техьахэм къащеджэм, я уни, я лъапси, я ади, я ани, я Ӏуэхуи ЯӀауэ хъуар къа- гъанэри, Хьисэ и ужь уиващ. Уэри къоджэ ар пщӀэну. Къоджэ Езым ущыгугъынуи, умыкӀуэду укъригъэлынуи, ЕзымкӀэ фӀэ- щхъуныгъэ уиӀэнуи, и ӀэмыщӀэ зиплъхьэ- нуи. ЗэрыжиӀэм хуэдэу, ар Тхьэм и Къуэ Зиусхьэну щыщыткӀэ, Езыр зыхуейхэр пщӀэну къыпщогугъ Ар. И къэхъукӀэкӀи, и псэукӀэкӀи, и хьэл-щэнкӀи, и цӀэхэмкіи, и псалъэхэмкӀи, и лъэкӀыныгъэшхуэкӀи, гугъуехьу ишэчахэмкӀи, и лӀэкӀаки Абы хуэбгъэдэну зы цӀыхуи щы экъым. Нобэ псэущ Ар. Езым щыгугъхэм я гъусэщ. Езымкіэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм папщіэ Тхьэм больэӀу Ар. Куэд мыщӀэу дунейм къытехьэжынущ ар. Уафэми щӀылъэми щыпсэууэ Абы хуэбгъэдэну зы цӀыхуи щы- Іэкъым. Абы къыхэкікӀэ Ар уэркӀэ Пащ- тыхьуи Зиусхьэнуи щытын хуейщ.
    Мы тхылъым ехьэлӀауэ гу зылъытапхъэхэр къытхуэфтхмэ, ди гуапэ хъунт. Фыкъатхэ
    мыпхуэдэ адресымкӀэ:
    Licht im Osten, Postfach 1340,
    70809 Korntal, Germany.