ADİGECE KİTAPLAR 5


Дунейм сыт тетхынур?
„Си щхьэгъусэ Умар псэухукӀэ куэдрэ лэжьащ. Иджы и Туэхум пэрыкӀыжыпащ. Дызэпсэлъэнуи дыздэтхъэжынуи дигугъэт, ауэ дызэрыхуейм хуэдэу хъуакъым. ЩӀэхыу уэу си щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Дунейм сыт хэтхар?”.
„Мы щӀалэр дэ ди щӀалэщ. Дэ къэтлъхуащ, арщхьэкӀэ къыдэдэ уэжыркъым, езым зыхуейр ещӀэ. “Тхьэм уигъэпсэу“ жыхуаӀэр ищӀэркъым, Фылъагъуныгъэри ищӀэркъым. Бзаджагъэу щы- Іэхэр хэлъщ. Хабзэм И цӀыхухэр къихьэри яубыдащ. Дунейм сыт хэтхар?”
„Дызэрызэрышэрэ илъэситіщ зэрыхъур. Іейуэ гугъу дехьурэ дылэжьащ, зы унэ тщӀын папщіэ. Иджы сызыхуейр хъуащ щыжысӀэм, си щхьэгъу- сэр схэкіри, нэгъуэщӀым хыхьэжащ. Дунейм сыт хэсхар?”
„Сабий къытхуэхъунущ жытӀэурэ, илъэсийкӀэ дыпэплъащ. Илъэсий нэужьым къыхуэхъуа хъы- джэбзым лышх уз къеуэлащ. Дунейм сыт хэтхар?” “Мы дунейм и Туэхухэр мыбы хуэдэу кӀуэмэ, куэдыщэ мыщӀэу къутэжынущ. Дунейм сыт тетхынур?”
„Лэжьэнкі, шхэнкӀэ, жеинкӀэ макӀуэр ди дунейр. Дунейм сыт тетхынур?”
Сыт сызхущы эр? Дунейм сыщӀытетыр ло? Тхьэр щы э? Си псэукӀэр ищӀэрэ абы?
Сэ сыхэт?
Ди гъащіэр куэдрэ гуры уэгъуейуэ, пщыхьэпіэм хуэдэу къытщохъу. Мыбы хуэдэу
дызэупщыжын хуей мэхъур:
“Сэ сыхэт?”
“Дунейм сыт тесхынур?”
„Сыт сызхущы/эр?”
зэзэмызэ
Сэ зысфӀэціыкущ, куэд сымыгъахъэу къысщо- хъу. Къэралым и дежкӀэ мелуан бжыгъэм сыщыщ сыцӀыхущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ сэ си гъащіэм Тхьэм и Пуэху хэлъ?
Зэзэмызэ гъуджэм сыщиплъкӀэ, хамэ гуэр къызэплъу къысщохъу.
Сыщы эщ, зыри мыхъуми апхуэдэу къысщохъу. ЛэжьакӀуэ сокӀуэ, цӀыхухэм сопсалъэ, сошхэ, согъуэлъыж, сыкъотэджыж, аргуэру лэжьакӀуэ сокӀуэж. Мыхэр псори сощӀэ, ауэ пщӀэншэу къысщохъу. Зэманыр щӀэхыу макӀуэ, си ныбжьыр абы докӀуэ. Мы илъэс згъэщахэм зыгуэр къыхэсхауэ пӀэрэ жысэурэ сызоупщыж. А псоми ущеплъкӀэ, сэ сыхэт? Куэд мыщӀэу Мы дунейм сытекӀыжынущ.
Космосым ущеплъкӀэ, ар иныщэщ. Гъунэншэу зэрыщытым сегъэшынэ. Вагъуэхэм деплъмэ, ва- гъуэ бынхэр тпэжыжьащэу зэрыщытым дегупсыс- мэ, ди щӀылъэр сабэ цӀыкіум хуэдэу къытщохъу. Мы зэманым цӀыху лъэпкъым И тхыдэмкӀэ хузэфӀэкі хъуамкӀэ щӀылъэр зэпкъырыдудыну амал диэщ. А псори гушыӀэ Гей хуэдэу къытщохъу. Ди нэӀуасэ гуэр имыщӀэххэу машинэ гуэрым иукар щыдолъхьэжыр. Ди ныбжьэгъу гуэру зи ныбжь хэмыкӀуэтауэ щыт пэтми, лышх узым зэриліыкам и хъыбар зэхыдохыр. Абы щыгъуэ апхуэдэ зыгуэр къызэрысщыщіынур къызгуроӀэ. ИтӀанэ “Дыщыліэкіэ, псори нуха, имыуха?” жыт эурэ дызоупщӀыжыр.
Ауэ апхуэдэ гупсысэхэр лъэныкъуэ идогъэз. Дунейм и тхъэгъуэхэм дапылъурэ, а гупсысэхэр зыщыдогъэгъупщэж, дгъэзэщэн хуей Туэхухэм иужь дитурэ, ди махуэхэр догъакӀуэ.
Арщхьэкіэ ди гум дыщеплъкӀэ, щынагъуэхэр илъхэщ, ди псэкӀэ куэд дыхуэныкъуэ мэхъу, тщӀэнури дымыщӀэжу дыкъонэ. Апхуэдэу зэ- рыщытыр зыдэдмыщӀэжуй мэхъу, ауэ Туэхухэр зытетыр аращ.
Дунейм сыт дызхутетыр?
Сэ сызыхуей закъуэр сытхъэжу сыщыӀэну аращ. Унэри, унагъуэри, ныбжьэгъухэри, ахъшэ ири- къуни сизу, сызыхуейр сщӀэну щхьэхуитыныгъи сиӀэхукіэ, сотхъэж.
Апхуэдэу зэрымыхъунур фӀыуэ дощӀэ, ауэ абы демыгупсысыну дыхэтщ. Ди гум илъым деплъыну дыхуейкъым, сыт щхьэкӀэ жып эмэ абы мы- хъумыщэ гуэрым дыщыхуэзэну къытщохъу. Ап- хуэдэу дэ пэжу демыгупсысу, ди гъащӀэм и махуэхэри, и тхьэмахуэхэри, и илъэсхэри макӀуэ. Напіэзып эм мыхъумыщӀэ гуэрхэм ды уощіэ. Іуэхуншэу дыкъонэ. Ди ныбжьэгъу гуэр къыт- хуэмей мэхъу. ФӀыуэ тлъагъу ди зы ныбжьэгъу гуэр дунейм йохыж. Абы хуэдэу щыхъукӀэ, ди Туэхухэр псори зэӀыхьа мэхъу.
“Уэ, ди Тхьэ!“ жыдоӀэ. Ауэ щы эу пӀэрэ, Тхьэ къыдэда уэу, ди псэукэм къыхуэгумащӀэу? Ди- закъуэу утыкум дыкъинауэ къытщохъу. Насыпу дызыхуэлэр пшагъуэм хуэдэу мэ-
кӀуэдыж.
Тхьэр зэрыщы эри, езыр къызэрыдэгугъури мы тхылъым зэхыдигъэщӀыкӀынущ. Тхьэм дэ дыкъи- гъэхъуащ, дунейм зыгуэр тыдигъэхынуи хуейщ.
Тхьэр зэрыщыӀэр сыткӀэ тщӀэн?
ЦӀыху куздым жаӀэ: „Тхьэ щы экъым. Зыми ар илъэгъуакъым“. Ауэ дымылъагъуу Iуэху куэд щы эщ. Псалъэм щхьэкӀэ, жьыр ди нэкӀэ тлъа- гъуркъым, ауэ щытми ар зэрыщы эр дощӀэ. Сыт щхьэкэ жыпӀэмэ жыгхэм я тхьэмпэхэр зэригъэ- сысыр долъагъу. Электричествэри ди нэкӀэ тлъагъуркъым. Ауэ И нэхур щытлъагъукӀэ, электричествэри зэрыщы эр дощӀэ. Хьэуа дызэрыбауэри ди нэкӀэ тлъагъуркъым, ауэ ар зэрыщы эр дощӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бэуар щымы эмэ, дыпсэун тлъэкӀынукъым. ФӀылъагъуныгъэри
абы
ди нэкӀэ тлъагъуркъым. Апхуэдэу щытми, зыгуэрым фӀыуэ дилъагъумэ, абы фӀыуэ гу лъыдотэ.
Тхьэри ди нэкӀэ тлъагъун тлъэкіыркъым. Ауэ дунейм и гъэпсыкӀэм деплъмэ, Тхьэр зэрыщы эри дощӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и дахагъэм, и фэхэм я беягъым, и зэмыліэужьыгъуэныгъэм Тхьэр зэрыщы эр къагъэнаӀуэр. Гъудэбадзэ ціы- кӀухэм ящыщэдзауэ вагъуэ бын я нэхъ инхэр къиубыдхэу ахэр псори зыхуэпхьын умыщіэ хабзэхэм тетщ икӀй тегъэпсыхьа дыдэу щытщ. Іуэху къэхъухэр пщӀэншэкъым. Тхылъ тедзапэ гуэр къызэгуэудымэ, абыкӀэ напӀэзыпӀэм тхылъ къэхъужынукъым. Зыгуэрым хьэрфхэр зэкӀэ- лык уэу фӀыуэ зэхилъхьэжын хуейщ. Тхылъ щы эмэ, ар зытхар щыӀэн хуейщ. Сурэт щы эмэ, ари зыщіар щыӀэщ. Унэ щыӀэмэ, унэм и гъэпсыкӀэр зыщари щыӀэщ.
Дунейм и Туэхури апхуэдэ къабзэу щытщ. Дунейри езыр-езыру къэхъуакъым. Зыгуэрым ар къигупсысащ икӀи игъэпсащ. Ар къэзыгупсысари зыгъэпсари Тхьэр аращ.
Тхьэр къэзыгъэхьуар хэт?
Дэ псэупэ диэщ, нобэрей зэманым допсэу, ди гъащіэм ублапіи ухыпи иӀэщ, дыкъохъу икӀи доліэж. Ди Іуэхур апхуэдэу зэрыщытым папщіэ, Тхьэм и Пуэхури апхуэдэ къабзэу щытын хуейуэ дигугъэщ, ауэ Тхьэм и Пуэхур цӀыхум и Луэхум хуэбгъадэ хъунукъым. Библием итщ Тхьэм ублапіи ухыпи зэримы эр. Дэ тхуэдэу ар зэманым
епхауэ щыткъым.

    Зыгуэрым Тхьэр къигъэхъуамэ, ap Тхьэм нэхърэ нэхъ инын хуейщ. Ауэ Тхьэм нэхърэ нэхъ ин зыри щы экъым. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиэр Тхьэр аращ. Апхуэдэу зэрыщытым папщіэ, Тхьэр къэзыгъэхъуа гуэр щы экъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыӀащ, сыт щыгъуи щыӀэнущ, ублапи ухыпій и экъым. Абы И инагъыр цӀыхум и акъылым къыхуэщӀэнукъым. Дуней дызыщыпсэум зызэрихъуэк! зэпытщ. ЦӀыхухэми зызэрахуэпэ щіыкӀэр зэрахъуэкі. По- литикэм иужь ит цӀыхухэм зэпымыууэ захъуэж. ЦӀыху псоми яцӀыху икӀи ягъэлъапіэ спортсмен- хэмрэ музыкантхэмрэ ахэр нобэ лъагэу къаӀэт, пщэдей ящогъупщэж. Дэри зыдохъуэж. Ди Пэпкълъэпкъри, дызэса псэукэри, ныбжьэгъу диӀэхэри ахэр псори зэхъуэкӀыныгъэм и щӀагъым щӀэтщ, ауэ Тхьэм игъащіэм зызэрихъуэкӀыркъым. ФӀылъагъуныгъэу къытхуи эри зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэ- кӀыу къонэ. И гум илъри зримыхъуэкӀыу щытщ. Дызыщыгугъыфын закъуэр Тхьэр аращ, езым утыкум игъащӀэм дыкъринэркъым.

    Тхьэр сыт хуэдэ?
    Тхылъ гуэрым деджэмэ, тхылтыр
    зытхар
    Я
    зэрыщытыр нэхъ къыдгуроӀэ. Симфоние гуэрыми е уэрэд гуэрыми дедаӀуэмэ, ар зэхэзылъхьам и щэныр нэхъ къыдгуроӀэ. Апхуэдэу дуней дызыщыпсэуми адрей Туэхуу Тхьэм къигъэщӀахэми деплъмэ, Тхьэм и щэныр нэхъ къыдгуроӀэ. Тхьэм дахагъэри фэхэм зэмыл эужьыгъуэныгъэри фӀыуэ зэрилъагъум гу лъыдот. Іуэху нэхъ инхэм къыщыщӀэдзауэ Іуэху нэхъ цӀыкӀухэр къиубыдэу псори хуэсакъыу зэригъэпсар икӀи абыхэм зэрегугъур нахуэ мэхъу. Губзыгъагъэ иӀэу псори игъэпсащ икӀи зэхилъ- хьащ. ЦӀыхум и Ӏэпкълъэпкъым деплъмэ, зы- хущы эм хуэфащэу игъэпсауэ икӀи нэсауэ щытщ. Бгышхуэхэмрэ хышхуэхэмрэ, космосым и кӀы- хьагъымрэ и бгъуагъымрэ абыхэм псоми Тхьэм И инагъымрэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ къытхуагъэнахуэ. Ауэ пэжымкіэ Тхьэр сыт хуэдэу щыт? Зыхуэдэр тщіэну дыхуеймэ, езым ар зэхыдимыгъэщікімэ, зыри тщӀэнукъым. Тхьэр зыхуэдэр Библием итщ: Тхьэр псэуэ щытщ. Ауэ абы къикӀыр сыт? Іэпкълъэпкъыу диӀэр дунейм щыпсэуну гъэпсауэ щытщ. Бдзэжьейхэр псым щыпсэунхэу гъэпсауэ щытщ. Тхьэр дэникі щы эщи, ар псэуэ щытщ. Ауэ Тхьэр псэуэ зэрыщытым къикӀыр езыр хьэдэм и псэм хуэдэу щыту аракъым. Тхьэм зэхэщӀыкӀыныгъэ иӀэщ, фӀэфӀыныгъэ иӀэщ. Тхьэр дэникі щы эщ, езым имылъагъуи имыщӀэй щы э- къым. Абы фӀыуэ дыкъелъагъур, гъуэгуу дызэри- кӀуэн хуейр къыдгуригъэӀуэн лъокӀыр, дихъумэнуи льокӀыр. Тхьэм гъунэ зэримы эри, езым имы- щӀэфын Туэху зэрыщымы эри цӀыху акъылымкіэ гуры уэгъуейуэ щытщ. Апхуэдэу Тхьэм триубыдащ цӀыхум и Іэп- кълъэпкъыр иӀэу мы дунейм къытехьэну. Езыр зыхуэдэр къызэрыдгуры уэфыным хуэфащэу ди- гъэлъагъуну хуеящ. Сабийм хуэдэу дунейм къытехьащ. И анэу Марие къалэ цӀыкіум щыщ къызэрыгуэк! хъыджэбзу щытащ. Дэ псори дыкъызэрыхъум хуэдэу, езыри къэ- хъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыр къызэрыхъуар дэ дыкъызэрыхъум хуэдэукъым. Сыт щхьэкэ жып эмэ езым и адэр Тхьэр аращ. Исус цӀыхуу щытащ, ауэ зы зэманымкӀэ Тхьэуэ щытащ. Дэ мы дунейм дызэрыщыпсэум хуэдэу щыпсэуащ, ауэ щытми дэ къытхуэмыдэу Исус цӀыхуу зэрыщытам папщӀэ, гугъуу дяпэ къихуэ псори ещӀэ, щыщӀагъэ диэхэри ещӀэ, гуэныхьщіэным дыдихьэхыну дяужь зэритри ещӀэ. Езыр Тхьэуэ зэрыщытым папщіэкӀэ, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъун лъокіыр. Исус жиӀащ: „Сэ сызылъэгъуам Адэ лапӀэр илъэгъуащ“.
    щытащ.